Пыхусыхум зыщыфхъумэ!
Къэрэшей-Черкесым узыншагъэр хъумэнымкIэ и Министерствэм пыхусыхум ди щIыналъэм зэрыщиубгъуам къыхэкIкIэ республикэм щыпсэухэм захуегъазэ. Фи пащхьэ идолъхьэ УФ-м и Роспотребнадзорымрэ Урысейм узыншагъэр хъумэнымкIэ и Министерствэмрэ зэпкъыраха рекомендацэр. Пыхусыхум и сиптомхэр: -уи Iэпкълъэпкъым и пщтырагъыр докIуей, уегъапсчэ, нэпс-пэпсыр къыпож, уи тэмакъыр, уи щхьэр, уи къупщхьэхэр егъэуз. Апхуэдэ къабзэу, кIэтIийми йоуэ, пшхыр къомызэгъыу укъегъэжь, уи ныбэр егъэуз (диарея). […]